Нэхунэ зэрыгъуэлъыжу, КIущэ макIуэри и пIэ кIапэм хьэмбыIуу тотIысхьэ. И кIэ кIапэр игъэпIэжьажьэурэ зэм и бгъэм, зэми и лъэпхъуамбэхэм йобзей. Нэхунэ гъуэлъыжыху, КIущи зодэхащIэри щысщ. ИтIанэ, абы и нэр зытрипIауэ зэрилъагъуу, езыми и щхьэр и бгъэ щабэм щIэлъу хъурейуэ зешыхьри, Нэхунэрэ абырэ, зэпеуэ фIэкIа умыщIэну, пырхъыу мэжьейхэр.
КIущэ къэхъейркъым Нэхунэ къэушыху, зэзэмызэ зиукъуэдийурэ аргуэру Iурехыж. Ауэ нэху щыуэ Нэхунэ къыщытэджкIэ КIущи къызэфIоувэри, шабзэкъум хуэдэу, и бгыр къреш, и бзэгур мащIэу къригъэжурэ зеукъуэдий, мэхущхьэ. Нэхунэ дежкIэ плъэуэрэ мэпщIэури, «баргуэ» жиIэу пIэм къолъэ.
А тIур апхуэдизкIэ зэсащи, Нэхунэ унэм щIэкIми, къыщIыхьэжми, псыхьэ кIуэми, къэкIуэжми, къубгъан ирихьэжьэми, зэзэмызэ худэплъейрэ хэпщIэукIыу и ужьым иту къекIухь. ТIэкIу зигъэпсэхуну Нэхунэ етIысэхми, зимыIэжьэу КIущэ абы и куэщIым йотIысхьэри зигъэзыжу, и нэхэр иуфIыцIу, къигъэплъэжу, и пащIэхэр къигъэуврэ и лъакъуэмкIэ илъэщIу исщ.
КIущэщ Нэхунэ псэлъэгъуу иIэр. Ар пщIэухукIэ Нэхунэ къещIэ шхэнуми, псы ефэнуми, щIэкIынуми, зыдигъэджэгунуми. Жьыуэ щIедзэри, КIущэ пщIэуху къэс зыхуейр хуищIэу махуэр щигъакIуэр нэхъыбэщ.
Илъэс хыщIрэ пщIым щыщIигъуакIэ и нэри набгъэ хъункъэ-тIэ, итIани Iуэхуншэу щысыфыркъым. Абдж лъэныкъуэм фIэкIа зэрымылъыж и нэгъуджэр зыIуелъхьэри цы едж. Мис итIанэ Нэхунэ удэджэгунум къеблагъэ. И куэм ириубыдыл1эурэ цыкIуэкIыр щигъэкIэрахъуэкIэ КIущэ, лъакъуитIкIэ мэуври, и фIалъэ лъакъуэмкIэ цыкIуэкI кIэрахъуэм йопхъуэ. Иубыдыпэу кIэрэхъуэныр щызэпигъэу къохъу. АпщIэндэху Нэхунэ мэшхыдэ. КIущэ ар къридзэркъым. Абы ещIэ Нэхунэ и Iи и баши къызэрытемыхуэнур.
ЩыкIэрымыкIыххэм деж, Нэхунэ къыщечри:
– УкъыскIэрыхъыжьауэ щхьэ сумыгъэпсэурэ, на-а-а гущэ, – мэхъущIэ Нэхунэ. – ЩIымахуэр къоблагъэ. Цыр джын сыухыу Муратрэ Маринэрэ лъэпэд хуабэ яхуэсщIын хуейщ. Ар сымыухыу а си къуэрылъху цIыкIухэр къысхуэкIуэжмэ, си напэр текIакъэ. Къэзгъэгугъащи, и анэ и гурыфI къикIыу къыщишэнум пэплъэу щысу къыщIэкIынщ. Уэ ар къыбгурымыIуэу, КIущэ, укъыздэджэгуурэ сыбогъэгувэ. Щыгъэт иджыпсту! Армырамэ, уи нэкIур къыпхуесхулэкIынщ. Щыгъэт жысIакъэ! Ар КIущэ и тхьэкIумэм ихьэркъым. И джэгуныр къикIащи, ищIэр ищIэжыркъым.
– Жансурэт къэсыжым сыкъэпщIэнщ, – Нэхунэ щыжиIэкIэ, и джэгуныр занщIэу зэпегъэури, мэпщIэу, и пащIэхэр къегъэуври хьэ илъэгъуам хуэдэу зещI.
– УфIэфIкъым аракъэ, – цыр зэриджым хуэдэурэ жеIэ Нэхунэ. – Уимыгугъэ псори сэ схуэдэу къыпхущытыну. Сэ сыпсэуху уи дунейщи зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым. Псэлъэгъуу, жэщгъуэлъу сиIэр уэращ. Уэ къищынэмыщIа Алыхьым и ужькIэ хъумакIуэу сиIэр Мыщэщ. Хьэ сакъщ. ПщIантIэм бадзэ къыдэлъатэми къещIэ жыхуаIэм хуэдэщ. Ар мыхъумэ си закъуэ пщIантIэ нэщIым сыдэсыфынт, унэми сыщIэсыфынт?
– Мяу-у-у! – мэпщIэу КIущэ.
– А-а-а, къызгуроIуэ, Мыщэ сызэрыщытхъур уигу иримыхьу аращ. Умыгузавэ уэри нэхъыкIэу услъагъуркъым. Куэд къысхубощIэ: жэщгъуэлъ усхуохъу, псэлъэгъуу, тегъэупIэу сиIэр уэращ, си КIущэ цIыкIу, – толъэщIыхь Нэхунэ абы и щхьэм.
– Мяу-у-у! – мэпщIэу аргуэру КIущэ.
– Сыт ари уигу иримыхьу ара? Азалыхь ба пхуэзмыщIынумэ сымыщIэ узыхуейр. Догуэт, догуэт! Мис иджы къызгурыIуа си гугъэщ. Мурид и гугъу сыбгъэщIыну аращ. Пэжщ, ар си къуэщ. А зыращ си кIэтIий кIапэ къыпыкIауэ мы дунеишхуэм щызиIэр. СылIэмэ сыщIилъхьэжыну сызыщыгугъыр аращ.
АбыкIи аразы мыхъуу, КIущэ аргуэру нэхъ иныжу мэпщIэу.
– Иджыри узыхуейр сыт? Теурэзыр къыпхуэмыкIуэкIэ уэ, мыпсалъэ щхьэкIэ псори къыгуроIуэ. Уэ узыхуейр си щIалэр, Мурид зэзэмызэ фIэкIа къызэрымыкIуэжыр жызбгъэIэну аращ. Сыт мыгъуэ-тIэ абы ебгъэщIэнур. Къалэм дэсщ, махуэ къэс мэлажьэри хущIыхьэркъым. Уэр хуэдэу ар Iуэхуншэу щытамэ, нэхъ щIэх-щIэхыу къэкIуэжурэ сыкъилъагъунт.